Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

28 СТАТЬЯР

123 УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ

Пэжымрэ пцІымрэ зэхэбгъэкІыу зегъасэ

Пэжымрэ пцІымрэ зэхэбгъэкІыу зегъасэ

«Аращи, быдэу фыщыт; щыпкъагъэр фи бгырыпхым хуэдэ зивгъэІэ» (ЕФ. 6:14).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ дызыхуигъасэ пэжымрэ ШейтІанми нэгъуэщІ ди бийхэми ягъэбагъуэ пцІымрэ зэхэдгъэкІыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

1. Пэжыр лъапІэу щІэфлъытэр сыт?

 ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэм Библием ит пэжыр фІыуэ ялъагъу. Ди фІэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъур аращ (Рим 10:17). Дэ шэч къытетхьэкъым: Иеговэ зэхуэсыр къыщІигъэунэхуар организацэр зэкъуэту щытын, ди фІэщхъуныгъэри дгъэбыдэн щхьэкІэщ (1 Тим. 3:15). Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу «ди унафэщІ къуэшхэм жаІэм додаІуэ». А къуэшхэр къыддоІэпыкъу Библием итыр къыдгурыІуэну икІи Алыхьым и Іэмырыр дгъэзэщІэну (Евр. 13:17).

2. Пэжыр тщІэуэ щытми сыт хуэдэ къапхъэным дихуэфыну? (Екъуб 5:19).

2 Дэ пэжри Алыхьым и организацэри фІыщэу долъагъу. Ауэ абы къикІкъым пэжым и гъуэгум дытемыкІыфыну. (Къеджэ Екъуб 5:19.) ШейтІаныр Іейуэ хуейщ Библием е ди организацэм дзыхь хуэдмыщІу дыхъуну (Еф. 4:14).

3. Пэжым быдэу дытетын щІыхуейр сыт? (Ефес 6:13, 14).

3 Къеджэ Ефес 6:13, 14. Куэд мыщІэу ШейтІаным цІыху куэдыр Иеговэ пэщІигъэувэн щхьэкІэ пэжу къыпщыхъуфын пцІы къигъэсэбэпынущ (Апок. 16:13, 14). Абы нэмыщІ дэ дощІэр ШейтІаным къаруушхуэ зэрырихьэлІэнур Алыхьым и лэжьакІуэхэр игъэщхьэрыуэн щхьэкІэ (Апок. 12:9). Аращи, пцІымрэ пэжымрэ зыхэдгъэкІыу зедгъэсэным икІи пэжым дытету дыпсэуным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Рим 6:17; 1 Пет. 1:22). Абы елъытащ гузэвэгъуэшхуэм дыпхрыкІынрэ дыпхрымыкІынрэ.

4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 Дэ пцІымрэ пэжымрэ зэхэдгъэкІыну икІи Алыхьым и организацэм дзыхь хуэтщІыну къыддэІэпыкъун хьэл-щэнитІ мы статьям щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ дэ зэпкърытхынущ пэжым быдэу дытетыну къыддэІэпыкъун чэнджэщищ.

ПЦІЫМРЭ ПЭЖЫМРЭ ЗЭХЭДГЪЭКІЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

5. Алыхь фІэлІыкІыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур пэжымрэ пцІымрэ зэхэдгъэкІыну?

5 Алыхь фІэлІыкІыр. Алыхьым худиІэ фІэлІыкІымрэ лъагъуныгъэмрэ быдэу зэпхащ. Алыхьыр апхуэдизу фІыуэ долъагъури, абы и жагъуэ зыщІыфын Іуэхугъуэ гуэр тщІэнкІэ дошынэ. Ди дежкІэ псом нэхъапэр — Иеговэ игу дыдыхьэныращ. Аращи, дэ дыхуейщ фІымрэ Іеймрэ, абы нэмыщІ пцІымрэ пэжымрэ зэхэдгъэкІыу зедгъэсэну (Прит. 2:3—6; Евр. 5:14). Дэ цІыхухэм дащыщышынэ къохъу, ауэ а шынэр Алыхь фІэлІыкІым нэхърэ нэхъ ину щытын хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэм ягу ирихьыр и нэхъыбэм Иеговэ игу ирихькъым.

6. ЦІыхухэм зэращышынэм къыхэкІкІэ тІасхъэщІэхыу ягъэкІуа цІыхуипщІым дапхуэдэу пэжыр зэрызэблашар?

6 Алыхьым нэхърэ цІыхухэм нэхъ дащышынэмэ, пэжым пэщІэувэ пцІыр ди фІэщ тщІыуэ щІэддзэнущ. Дигу къэдгъэкІыжынщ Мусэ тІасхъэщІэхыу цІыху 12 Ханаан щІыналъэм зэригъэкІуар. Абыхэм щыщ цІыхуипщІыр ханаан цІыхухэм щышынащ. Абыхэм яІа шынэр Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ инт. А цІыхуипщІым жаІащ: «Дэ а цІыхухэм дезэуэфынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр нэхъ къарууфІэщ» (Чис. 13:27—31). Абыхэм жаІам пэж гуэри хэтащ. ЦІыху еплъыкІэкІэ уеплъмэ, ханаан цІыхухэр израил цІыхухэм нэхърэ нэхъ къарууфІэт. Ауэ израил цІыхухэр я бийхэм темыкІуэфыну жызыІэхэм Иеговэ зэрагъусэр ящыгъупщэжауэ арат. А цІыхуипщІым я акъылыр Алыхьым и Іэмырым траухуэн хуейт — Иеговэ хуейт израил цІыхухэм Ханаан щІыналъэр къазэуну. Къапщтэмэ, куэд щІатэкъым Иеговэ и лъэпкъыр къызэрыригъэлрэ. Ар абыхэм ящІэжу щытамэ, къагурыІуэнут Иеговэ и къарум елъытауэ ханаан цІыхухэр зыри зэримыщІысыр. А цІыхуипщІым фІэщхъуныгъэ яхурикъуакъым, ауэ Нун и къуэ Ехьошуарэ Халеврэ Иеговэ арэзы ящІыну хуейт. А тІум лъэпкъым жраІащ: «Иеговэ къытхуэарэзымэ, Іэмал имыІэу а щІыналъэм дришэнущ... икІи ар къыдитынущ» (Чис. 14:6—9).

7. Алыхь фІэлІыкІ диІэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

7 Алыхь фІэлІыкІ диІэну сыт къыддэІэпыкъунур? Унафэ гуэр къэпщтэн ипэ Алыхьым и гурыщІэхэм егупсыс (Пс. 16:8). Библием ит пычыгъуэ гуэр ущеджэм деж мыпхуэдэу зэупщІыж: «Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ сихуатэмэ, сытыт сэ сщІэнур?» Псалъэм папщІэ, уи нэгу къыщІэгъэхьэ израил цІыхухэм уахэту икІи тІасхъэщІэх цІыхуипщІым жаІэр зэхэпхыу. Абыхэм жаІэр уи фІэщ хъунут? Ушынэнут? ТекІуэнур сытыт — Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэрат, хьэмэрэ цІыхухэм уазэрыщышынэрат? Нун и къуэ Ехьошуарэ Халеврэ пэжыр жаІат, ауэ лъэпкъым ар и фІэщ хъуакъым. ИкІэм-икІэжым цІыху балигъхэм щыщу Нун и къуэ Ехьошуарэ Халеврэ нэмыщІ, а щІыналъэм зыри ихьакъым (Чис. 14:10, 22, 23).

Хэт жиІэрат уэ уи фІэщ пщІынур? (7 абзацым феплъ.)


8. Сыт хуэдэ хьэл-щэным фІыуэ делэжьын хуей икІи сыт щхьэкІэ?

8 Іэдэбагъыр. Иеговэ пэжыр къызыхузэІуихыр цІыху Іэдэбхэращ (Мт. 11:25). Библиер дджын щыщІэддзам пэжыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу дызэрыхуейм дэ Іэдэбагъ тхэлъу арэзы дытехъуащ (Апост. 8:30, 31). Ауэ дэ дысакъын хуейщ, пагэ дымыхъун щхьэкІэ. Армыхъумэ Библием ит принципхэмрэ Иеговэ и организацэм къыдит унафэхэм нэхърэ дэ ди еплъыкІэм Іущагъ нэхъ хэлъу къэтлъытэу щІэддзэнкІэ хъунущ.

9. Іэдэбу дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

9 Іэдэбу дыщытын щхьэкІэ Иеговэ елъытауэ зыри дызэримыщІысыр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым (Пс. 8:3, 4). Дэ Иеговэ делъэІу хъунущ абы и деж дыщеджэну гукъыдэж нэхъ диІэну, абы нэмыщІ дэ иджыри делъэІу хъунущ Іэдэбагъ щхьэкІэ. Иеговэ Библиемрэ и организацэм къыдигъэкІ тхыгъэхэмрэ къигъэсэбэпу и гупсысэхэмкІэ куэду къыддогуашэ. Ар къыддэІэпыкъунущ и гупсысэхэр ди гупсысэхэм нэхърэ нэхъ лъапІэу тлъытэну. Аращи, Библием ущеджэм деж гу лъытэ Иеговэ Іэдэбагъыр фІыуэ зэрилъагъум, ауэ пагагъэр, зыкъыфІэщІыжыныр, щхьэприхыныр илъагъу мыхъуу зэрыщытым. Іэдэбагъым делэжьыну псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ, пщІэ зыпылъ къалэн къыщытхуагъэфащэм деж.

ПЭЖЫМ И ЛЪЭНЫКЪУЭР БЫДЭУ ТІЫГЪЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

10. Япэм Иеговэ и лъэпкъыр щиунэтІым хэтыт къигъэсэбэпыр икІи нобэ хэт къигъэсэбэпыр?

10 Иеговэ и организацэм сыт щыгъуи дзыхь хуэщІ. Иеговэ и лъэпкъым унафэ щритым япэщІыкІэ Мусэ къигъэсэбэпащ, иужькІэ Нун и къуэ Ехьошуа къигъэсэбэпащ (Иис. Н. 1:16, 17). А цІыхухъухэр Алыхьым и лІыкІуэу зэрыщытыр икІи абыхэм хуэфащэ пщІэ хуэщІын зэрыхуейр израил цІыхухэм къагурыІуэн хуейт. Лъэпкъым апхуэдэу щищІэм деж, Иеговэ абы и нэфІ щыхуэт. ЛІэщІыгъуэ зыбжанэ дэкІри, Иеговэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр и лъэпкъыу хихащ. Абы щыгъуэ къэунэхуа зэхуэсыр Алыхьым апостол 12-мкІэ иунэтІт (Апост. 8:14, 15). ИужькІэ Ерусалим щыІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэри абы къигъэсэбэпу щІидзащ. А цІыхухъухэм жаІэм щедаІуэм щыгъуэ зэхуэсым щыщхэм «фІэщхъуныгъэшхуэ яІэ нэхъ хъуурэ, фІэщхъуныгъэ зиІэхэм я бжыгъэм махуэ къэси хэхъуэрт» (Апост. 16:4, 5). Ноби ди ехъулІэныгъэр елъытащ Иеговэ и организацэм жиІэм дызэредаІуэм. Сыт Иеговэ зыхищІэнур, абы тригъэува цІыхухъухэм жаІэм демыдаІуэмэ? Дэ а упщІэм и жэуапыр къэтщІэфынущ, Ханаан щІыналъэм журт лъэпкъыр щыкІуэм щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэхэм дыхэплъэмэ.

11. Мусэ пщІэ хуэзымыщІа израил цІыхухэм сыт къащыщІар? (Сурэтми феплъ.)

11 Ханаан щІыналъэм щыкІуэм, журт лъэпкъым щыщ цІыхухъу зыбжанэм Мусэ лъэпкъым и пашэу щытыну хуимыту жаІэт, абы щхьэкІи дауэт. Абыхэм жаІащ: «Лъэпкъым щыщ псори [Мусэ и закъуэкъым] лъапІэщ, абыхэми Иеговэ я гъусэщ» (Чис. 16:1—3). Пэжщ, Иеговэ «лъэпкъым щыщ псори» лъапІэу илъытэт, ауэ я пашэу тригъэувар Мусэт (Чис. 16:28). Къапщтэмэ, зыкъэзыІэтахэр зыхуэпсалъэр Мусэтэкъым, атІэ Иеговэт. Абыхэм я акъылыр зытраухуар Иеговэ зыхуейратэкъым, атІэ езыхэр зыхуейрат — тепщэныгъэ нэхъыбэрэ щІыхьрэ яІэну. ЗыкъэзыІэтахэри абыхэм я лъэныкъуэр зыубыда мин бжыгъэ хъу цІыхухэри Иеговэ игъэкІуэдащ (Чис. 16:30—35, 41, 49). Ноби зыми зихъуэжакъым: Иеговэ игу ирихькъым и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм зыгуэрым пщІэ щыхуимыщІым деж.

Хэт и лъэныкъуэт уэ бубыдынур? (11 абзацым феплъ.)


12. Иеговэ и организацэм сыт дзыхь щІыхуэпщІ хъунур?

12 Дэ Иеговэ и организацэм дзыхь щІыхуэдмыщІын щхьэусыгъуэ лъэпкъ диІэкъым. Библием ит пэж гуэрыр къызэрыдгурыІуэм е Алыхьым дызэрыхуэлажьэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр щыхэлъхьэн хуей къохъу. Ар УнафэщІ гупым хэт къуэшхэм щалъагъукІэ, а зэхъуэкІыныгъэр занщІэу зэращІэным иужь итщ (Прит. 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абыхэм я дежкІэ псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр Иеговэ и Іэмырыр ягъэзэщІэныращ. Абыхэм къащтэ унафэхэм лъабжьэ хуащІыр Библиеращ — аращ Иеговэ и лъэпкъым щыщ псори зытетын хуейр.

13. «Узыщыгугъ хъуну псалъэхэр» зищІысыр сыт икІи абы утетыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

13 «Узыщыгугъ хъуну псалъэхэм... уатемыкІ» (2 Тим. 1:13). «Узыщыгугъ хъуну псалъэхэр» — ар Библием ит пэжхэращ (Ин. 17:17). Аращ дэ ди фІэщ хъу псори зытегъэщІар. Иеговэ и организацэм дрегъасэ а пэжхэм дытетыну. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ хъума дыхъунущ.

14. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу «узыщыгугъ хъуну псалъэхэм» зэрытекІар?

14 «Узыщыгугъ хъуну псалъэхэм» дытекІмэ, сыт къэхъункІэ хъунур? Зы щапхъэ деплъынщ. Япэ лІэщІыгъуэм къуэш, шыпхъухэм хъыбар ягъэІуу щІадзащ Иеговэ и махуэр къэсауэ жаІэурэ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къыщІэкІынщ апостол Паул итха хуэдэу я гугъэу щыІа письмо гуэр. Фессалоникэ дэс къуэш, шыпхъу языныкъуэхэм ар пэжрэ пцІырэ зэхамыгъэкІыу пцІыр я фІэщ хъури, ягъэхъыбару щІадзащ. Паул зыхуригъаджэр абыхэм ягу къагъэкІыжатэмэ, ахэр къэпцІэнутэкъым (2 Фес. 2:1—5). Аращ Паул къуэшхэр щІыхуигъэушар зэхах псори я фІэщ ямыщІыну. Абыхэм пэжымрэ пцІымрэ адэкІэ зэхагъэкІыфын щхьэкІэ Фессалоникэ дэсхэм яхуитха етІуанэ письмор Паул мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ иухащ: «Сэ, Паул, си ІэкІэ мы фІэхъус псалъэр ныфхузотх. Мыращ ныфхуэстхыр» (2 Фес. 3:17).

15. Пэж хуэдэу ягъэІу пцІым дауэ зыщытхъума хъуну? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтми феплъ.)

15 Фессалоникэ щыІа зэхуэсым Паул яхуитха письмом сытым дыхуигъасэрэ? Дэри телъыджэ гуэр е Библием итым темыхуэ гуэр зэхэтхынкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж дэ Іущагърэ зэхэщІыкІрэ тхэлъын хуейщ. Советскэ Союзым щыгъуэ дунейпсо Іуэху зехьэпІэм къикІа хуэдэу зэгуэр къуэшхэм письмо къаІэрыхьащ. А письмом къуэшхэр хуигъэушт езыхэм щхьэхуэу организацэ къызэрагъэпэщыну. Письмор къуэшхэм ятхауэ фІэкІ пщІэтэкъым, ауэ зытхар бийхэрат. А письмом къуэшхэр къигъэпцІакъым. Абыхэм къагурыІуащ письмом итыр организацэм алъандэм зыхуригъэджам зэрытемыхуэр. Нобэ ди бийхэм дыщагъэуэн икІи ди зэкъуэтыныгъэр тфІагъэкІуэдын щхьэкІэ къекІуэкІ технологиехэр къагъэсэбэпыфынущ. Аращи, демыгупсысауэ дыпІащІэу унафэ гуэр къэтщтэныр щыуагъэшхуэщ. Апхуэдэ щыуагъэ дымыщІэн щхьэкІэ дызэджэмрэ зэхэтхымрэ къэтщІа пэжхэм техуэрэ темыхуэрэ дегупсысын хуейщ (2 Фес. 2:2; 1 Ин. 4:1).

Пэжым ещхь пцІым ущыпэщІэхуэм деж зыкъомыгъэгъапцІэ (15 абзацым феплъ.) a


16. Рим 16:17, 18 зэритымкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр къуэшым е шыпхъум пэжым темыхуэ гуэр кІуэцІригъэкІыну щыхэтым деж?

16 Иеговэ хуэпэжхэмрэ фэрэ фи зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэвгъэлъ. Алыхьыр хуейщ дэ зэкъуэту абы дыхуэлэжьэну. А зэкъуэтыныгъэр диІэнущ, пэжым быдэу дытетмэ. Пэжым темыхуэ гуэр кІуэцІригъэкІыну зыгуэр щыхэтым деж, ар зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэм зэран хуохъу. Аращ Алыхьыр къыщІыдэлъэІур — «абыхэм пэІэщІэ зыфщІ» — жиІэу. Армыхъумэ пцІыр ди фІэщ хъууэ Иеговэ депцІыжынкІэри хъунущ. (Къеджэ Рим 16:17, 18.)

17. Пэжыр къыдгурыІуэным икІи абы дытемыкІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

17 Пэжыр къыдгурыІуэмэ икІи абы дытемыкІмэ, Иеговэ пэжыжьэ дыхуэхъунукъым, ди фІэщхъуныгъэри быдэу щытынущ (Еф. 4:15, 16). Абы дэ дыщихъумэнущ ШейтІаным и пцІымрэ щІэныгъэ нэпцІымрэ, абы нэмыщІ дэ шэч къытетхьэнукъым гузэвэгъуэшхуэ зэманым Иеговэ Іэмал имыІэу къызэрыддэІэпыкъунум. Пэжым быдэу дытетмэ, «гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэр сыт щыгъуи ди гъусэнущ»! (Флп. 4:8, 9).

122 УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт

a СУРЭТЫМ ИТЫР. Советскэ Союзым къэхъуа Іуэхугъуэм тращІыкІа инсценировкэ. Дунейпсо Іуэху зехьэпІэм къикІа хуэдэу къуэшхэм къаІэрыхьа письмо. ИпэжыпІэкІэ ар зытхар ди бийхэрат. Нобэ пэжым пэщІэувэ бийхэм Иеговэ и организацэм теухуауэ пцІы интернеткІэ ягъэІуфынущ.