Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4 СТАТЬЯР

30-НЭ УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!

Иеговэ фІыуэ фыкъелъагъу

Иеговэ фІыуэ фыкъелъагъу

«Адэ лъапІэм фІыуэ фыкъелъагъу» (ИН. 16:27).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ и лъагъуныгъэм езым нэхъ гъунэгъу дызэрыхуищІым, дымышынэну къызэрыддэІэпыкъум, къаруи къызэрытхилъхьэм.

1. Иеговэ дапхуэдэу уи нэгу къызэрыщІыхьэр?

 ИЕГОВЭ дапхуэдэу уи нэгу къызэрыщІыхьэр, абы ущегупсысым икІи тхьэлъэІукІэ зыщыхуэбгъазэм деж? Алыхьыр дымылъагъуми, абы теухуауэ Библием итым дэ куэд къыдегъащІэ. Псалъэм папщІэ, абы итщ Иеговэ «дыгъэми... мэІухуми», «псори зыс мафІэми» хуэдэу зэрыщытыр (Пс. 84:11; Евр. 12:29). Иезекииль бегъымбарым и нэгу щІэкІауэ щытащ Алыхьыр сапфирым къыхэщІыкІа тахътэм тесу. Абы къыбгъэдэкІ нэхур дыщэмрэ дыжьынымрэ хуэдэу цІут икІи нур къыщхьэщихыр лэгъупыкъум ещхьт (Иез. 1:26—28). Апхуэдэ псалъэхэм уи щхьэфэцым зрагъэІэтынкІэ е уагъэшынэнкІэ хъунущ.

2. Иеговэ гъунэгъу зыхуащІыну языныкъуэхэм сыт къащІегугъуэкІыр?

2 Иеговэ зэрыдмылъагъум къыхэкІкІэ, абы фІыуэ дыкъызэрилъагъур ди фІэщ тщІыну дэ къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ. ЦІыху куэдым зэи зыхащІакъым я унагъуэм щыщхэми нэгъуэщІхэми я лъагъуныгъэр. Абы къыхэкІкІэ абыхэм я гугъэщ Алыхьым ахэр фІыуэ къилъагъуну яхуэмыфащэу. Апхуэдэ гурыщІэхэр диІэу щытмэ, Иеговэ фІыуэ дыкъыгуроІуэ икІи ещІэ абы дзыхь хуэтщІыну ди дежкІэ тыншу зэрыщымытыфынур. Ауэ ар хуейщ абырэ дэрэ ди зэхуаку хуабагъ дэлъыну. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ БиблиемкІэ къыдгурегъаІуэ щабэу къызэрытхущытыр икІи фІыуэ дыкъызэрилъагъур.

3. Иеговэ и лъагъуныгъэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн щІыхуейр сыт?

3 Библием щыжыІащ: «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Ин. 4:8). А хьэл-щэныр абы и ІуэхущІафэхэм къыхощ. Абы лъагъуныгъэр апхуэдизкІэ и куэдщи, фІыуэ къэзымылъагъухэми ар хьэлэлу ярет (Мт. 5:44, 45). Мы статьям дэ езы Иегови абы и лъагъуныгъэми нэхъ убгъуауэ дыщытепсэлъыхьынущ. Ди Алыхьыр нэхъыфІу къэтцІыхуху, абы худиІэ лъагъуныгъэри хохъуэ.

ИЕГОВЭ ДЭ ФІЫЩЭУ ДЕЛЪАГЪУ

4. Иеговэ къыпхуиІэ лъагъуныгъэм ущегупсысым деж сыт зыхэпщІэр? (Сурэтми феплъ.)

4 Библием гурыІуэгъуэ тщещІ Иеговэ фІыщэу дыкъызэрилъагъур (Ин. 16:27). Иеговэ зрегъэщхь зи сабийм и нэІэ тезыгъэт анэм (Ис. 66:12, 13). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт анэм и сабийр къищтэу ІэплІэ зэрыхуищІыр икІи щабэу зэрепсалъэр. Сабийр щыгъым е щысымаджэм деж анэм ар занщІэу зыхуей хуегъазэ. Апхуэдэ дыдэу, дэри дыщыгузавэм деж, Иеговэ и лъагъуныгъэм къыхэкІыу къызэрыддэІэпыкъунум шэч къытедмыхьэми хъунущ. Псалом тхылъым мыпхуэдэу итщ: «Сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къыщыстегуплІэм, къызэпт гупсэхугъуэм си гур фІы ищІт» (Пс. 94:19).

«Анэм и къуэр зэрытригъэум хуэдэу сэри фэ фытезгъэунущ» (4-нэ абзацым феплъ.)


5. Иеговэ игъэлъагъуэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр лъапІэу щІэплъытэр сыт?

5 Иеговэ пэжагъ зыхэлъ Алыхьщ (Пс. 103:8). Дэ щыуагъэ щытщІэм деж абы ІэщІыб дищІкъым. Израил цІыхухэм мызэ-мытІэу Иеговэ и жагъуэ ящІу щытащ. Ауэ ахэр я щыуагъэхэм щыхущІегъуэжым деж, Иеговэ и лъагъуныгъэр абыхэм захригъащІэт. Абы и гурыщІэхэр мы псалъэхэм къыхощ: «Си дежкІэ уэ улъапІэщ, уэ пщІэ пхуэфащэщ, икІи сэ уэ фІыуэ узолъагъу» (Ис. 43:4, 5). Дэри апхуэдэ дыдэу Иеговэ фІыуэ дыкъелъагъу. Абы цІыхухэм яхуиІэ лъагъуныгъэм зихъуэжкъым икІи ар ужьыхкъым. Дэ щыуагъэшхуэ щытщІэм дежи Иеговэ дыкъигъанэкъым. Дэри ди щыуагъэм дыхущІегъуэжмэ, япэм хуэдэуи, Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур зыхэтщІэнущ. Абы «къытхуигъэгъуну хьэзырщ» (Ис. 55:7). Библием жеІэ Иеговэ къыщытхуигъэгъум деж, «дигухэм зыщагъэпсэхужын зэманхэр» абы къызэрыкІэлъыкІуэр (Апост. 3:20).

6. Захария 2:8 Иеговэ теухуауэ сыт къыщытщІэр?

6 Къеджэ Захария 2:8. Иеговэ фІыуэ дыкъелъагъури, ди гурыщІэхэм гулъытэ хуещІ икІи сытым щыгъуи къытщхьэщыжыну хьэзырщ. Гугъуехь щытшэчым деж, абы и гур хощІ. Аращи, дэ Иеговэ делъэІу хъунущ: «Нэкугъуэр зэрахъумэм хуэдэу сыкъэхъумэ», — жытІэу (Пс. 17:8). Абы Іэмал имыІэу жэуап къыдитынущ. Нэм сытри занщІэу зыхещІэ. Иеговэ и нэкугъуэм дыщригъэщхьым деж, абы мыпхуэдэу къыджиІэм хуэдэщ: «Фэ къывэІусэ дэтхэнэри сэ къызэІусэм хуэдэщ».

7. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур быдэу ди фІэщ щІэтщІын хуейр сыт?

7 Иеговэ хуейщ дэ абы фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытедмыхьэну. Ауэ абы ещІэ дэ ди гъащІэр къызэрекІуэкІам къыхэкІкІэ, ар ди фІэщ тщІыну ди дежкІэ гугъуу зэрыщытыфынур. Е иджыпсту дыдэ гугъуехь диІэмэ, Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ къэмыхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Хьиси, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэри, дэ тщыщ дэтхэнэ зыри Иеговэ фІыуэ зэрилъагъум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр иджыпсту зэпкърытхынщ.

ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭР КЪЫЗЭРИГЪЭЛЪАГЪУЭР

8. И Адэм фІыуэ къызэрилъагъум Хьисэ сытыт шэч къыщІытримыхьэр?

8 Иеговэрэ Хьисэрэ илъэс миллиард бжыгъэкІэ зэгъусащ. Зэманыр кІуэху, ахэр нэхъ гъунэгъу зэхуэхъут. А тІум я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм хуэдэ зыми я зэхуаку дэлъкъым. Иеговэ псоми зэхахыу жиІэт Хьисэ фІыуэ зэрилъагъур. Абы теухуауэ Маттэ 17:5 дыкъыщоджэ. Иеговэ мыпхуэдэу жиІэфынут: «Мыращ сэ арэзы сызыщІыр». Ауэ ар хуейт абы и Къуэ Хьисэ фІыщэу зэрилъагъур псоми ящІэну. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ мыпхуэдэу жиІащ: «Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр». Иеговэ Хьисэ илэжьа Іуэхухэм ирипагэт икІи ищІэт къэкІуэну зэманми и мурадыр и Къуэм нэгъэсауэ зэригъэзэщІэнур (Еф. 1:7). Иеговэ и лъагъуныгъэр апхуэдизкІэ наІуэти, Хьисэ абы шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым. Абы мызэ-мытІэу жиІащ и адэм фІыщэу къызэрилъагъур (Ин. 3:35; 10:17; 17:24).

9. Иеговэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр фІыщэу зэрилъагъур сыт хуэдэ псалъэхэм къыхэщрэ? КъыдгурывгъаІуэ (Рим 5:5).

9 Иеговэ ибзыщІкъым уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэри фІыуэ зэрилъагъур. (Къеджэ Рим 5:5.) «ФІылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи» жыхуиІэ псалъэхэм гу лъыттэнщ. Абы теухуауэ зы справочник гуэрым итащ Алыхьым и лъагъуныгъэр уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм «уэру яриту». А псалъэхэм сыту дахащэу къыхэщрэ Иеговэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм яхуиІэ лъагъуныгъэр! Абыхэм ящІэ Иеговэ ахэр фІыуэ къызэрилъагъур (Иудэ 1). Абыхэм я гурыщІэхэр апостол Иуан мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ жиІащ: «Адэ лъапІэм къытхуиІэ фІылъагъуныгъэшхуэм фегупсыс. „Фэ фызибынщ“, жеІэ» (1 Ин. 3:1). Ауэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ закъуэхэра Иеговэ фІыуэ илъагъур? Хьэуэ. Дэ псори Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд щыІэщ.

10. Алыхьым къытхуиІэ лъагъуныгъэм псом хуэмыдэу щыхьэт техъуэр сыт?

10 Алыхьым къытхуиІэ лъагъуныгъэм псом хуэмыдэу щыхьэт техъуэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэращ. Апхуэдэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ ин сыт щыІэ? (Ин. 3:16; Рим 5:8). Алыхьым и Къуэ щІасэр цІыху псом щхьэкІэ итащ. Абы и фІыгъэкІэ дэ Іэмал диІэщ ди гуэныхьхэр къытхуэгъуну икІи Алыхьым и ныбжьэгъу дыхъуну (1 Ин. 4:10). Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІам нэхъыбэрэ дегупсысыху, дэ нэхъыфІу къыдгуроІуэ абыхэм дэ тщыщ дэтхэнэ зыри фІыщэу зэралъагъур (Гал. 2:20). Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар Иеговэ и захуагъэ закъуэракъым, абы къытхуиІэ лъагъуныгъэ гуащІэри щхьэусыгъуэ хуэхъуащ. Иеговэ и лъагъуныгъэр игъэлъэгъуащ, нэхъ лъапІэ дыдэу иІэр къурмэныпхъэу зэритамкІэ. Иеговэ фІыуэ илъагъу и Къуэр хьэзаб ишэчу дэр щхьэкІэ лІэну хуит ищІащ.

11. Иеремия 31:3 сыт къыщытщІэр?

11 Дэ зэрытлъэгъуащи, Иеговэ и гурыщІэхэр ибзыщІкъым, ар абыхэмкІэ къыддогуашэ. (Къеджэ Иеремия 31:3.) Иеговэ дыщІызришэлІар фІыуэ делъагъури аращ. (Евгъапщэ Второзаконие 7:7, 8.) Алыхьым къытхуиІэ лъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын лъэкІынукъым (Рим 8:38, 39). Абы и лъагъуныгъэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр уэ къыуитрэ? Псалом 23-нэ псалъащхьэм къеджи гу лъытэ, Иеговэ и лъагъуныгъэм Даут сыт хуэдэ гурыщІэхэр къриту щытами. Апхуэдэ дыдэу, Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэ дахэ дэлъыфынущ.

ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ СЫТ ХУЭДЭ ГУРЫЩІЭХЭР КЪЫУИТРЭ?

12. 23-нэ Псаломыр сыт зытеухуар?

12 Къеджэ Псалом 23:1—6. 23-нэ Псаломыр — ар Даут Иеговэ хуиуса уэрэдщ. А уэрэдым къыхощ Иеговэ къыхуиІэ лъагъуныгъэм абы шэч къызэрытримыхьэр. Даут абы щыжеІэр Иеговэрэ езымрэ я зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ зэрыдэлъыр икІи Алыхьыр и Мэлыхъуэу зэрыщытыр. Даут Иеговэ дзыхь зэрыхуищІым къыхэкІкІэ, и гъуэгур иунэтІыну хуит ищІт икІи абы къызэрихъумэр илъагъут. Даут ищІэт Иеговэ и лъагъуныгъэр зы махуи къэмынэу зэрызыхищІэнур. Сытыт абы шэч къыщІытримыхьэр?

13. Иеговэ сытым щыгъуи и нэІэ къызэрытригъэтынум сытыт Даут шэч къыщІытримыхьэр?

13 «Сэ зыми сыщыщІэнукъым». Даут илъагъут Иеговэ и нэІэ къызэрытригъэтыр, махуэ къэси зыхуэныкъуэу хъуар къызэрыритыр. Абы ищІэт Иеговэрэ абырэ зэрызэныбжьэгъур икІи и гъащІэмкІэ Алыхьыр зэригъэгуфІэр. Арат абы шэч къыщІытримыхьэр сыт къэмыхъуами Иеговэ ар зэи къызэримыгъэнэнум. Даут Иеговэ и лъагъуныгъэм шэч къызэрытримыхьэр къыдэІэпыкъут сыт хуэдэ шынэми текІуэну. Абы къыхэкІкІэ ар насыпыфІэт икІи и гъащІэмкІэ арэзыт (Пс. 16:11).

14. Иеговэ и нэІэ къызэрыттригъэтыр сытым къыхэщрэ?

14 Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу и нэІэ къыттрегъэт, псом хуэмыдэу, гуауэ гуэр дыщиІэм деж. Илъэс 20-м щІигъуауэ Вефилым щылажьэ ди шыпхъу Клэр a ищІэныр имыщІэу къэнат, и унагъуэр зым адрейм и ужь иту гугъуехь хьэлъэхэм щыпэщІэхуам щыгъуэ. Абы и адэм инсульт къеуэлІащ. И шыпхъу нэхъыщІэр зэхуэсым хагъэкІащ. И унагъуэм бизнесыр яфІэкІуэдри абы и ужьым иту я унэри яфІэкІуэдащ. Иеговэ дапхуэдэу Клэр и унагъуэм зэрыдэІэпыкъуар? Ди шыпхъум жеІэж: «Ди унагъуэм щыщхэм зыхуэныкъуэу хъуари нэхъыбэжи Иеговэ яритт. Сэ куэдрэ согупсыс а зэман хьэлъэм Иеговэ къытхуэсакъыпэу зэрыщытам. А гукъэкІыжхэм си гур егъэлеяуэ ягъэхуабэ икІи гугъуехь сыщиІэм деж сэ сыкъикІуэткъым, гуфІэгъуэ сиІэу адэкІи Иеговэ сыхуолажьэ».

15. Даут «Алыхьым къару къысхелъхьэж» щыжиІам щыгъуэ, сыт зи гугъу ищІар? (Сурэтми феплъ.)

15 «Алыхьым къару къысхелъхьэж». Языныкъуэхэм деж Даут апхуэдизкІэ гугъуехьхэм щІипІытІэти, къарууншэу зыкъыщыхъужт (Пс. 18:4—6). Ауэ Иеговэ ар къиІэтыжт. Гугъуехьым зэпкъриха и ныбжьэгъур Алыхьым «хъупІэ щхъуантІэм» ишэти, псы ежэхым деж зыщригъэгъэпсэхужт. Абы и фІыгъэкІэ Даут къару къыщІыхьэжти адэкІэ Иеговэ хуэлэжьэфт (Пс. 18:28—32).

Даут бийхэм защыфІигъэпщкІум щыгъуэ, и лъэр щІэмыхуну Иеговэ и лъагъуныгъэр къыдэІэпыкъуащ (15-нэ абзацым феплъ.)


16. Иеговэ и лъагъуныгъэм уэ дапхуэдэу къару къызэрыпхилъхьар?

16 Дэри нобэ ди гъащІэм гугъуехь куэдым дыпэщІохуэ, ауэ Иеговэ дыхигъэкІуадэкъым (Плач 3:22; Кол. 1:11). Ре́йчел и щапхъэм деплъынщ. Абы и лъэр щІэхуат, COVID-19 пандемиер щыщыІэм, и лІыр бгъэдэкІыу Иегови къыщигъэнам щыгъуэ. Иеговэ Рейчел дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар? Ди шыпхъур къыддогуашэ: «Иеговэ лъагъуныгъэ зыхызигъэщІащ. Си ныбжьэгъухэм сэ зэи сыкъагъэнакъым. Абыхэм шхын къысхуахьт, псалъэ гуапэхэмрэ Библием щыщ гупсысэхэмрэ сообщениекІэ къысхурагъэхьт. Ахэр нэфІэгуфІэу къызэрызэпсалъэм сигъэгушхуэт икІи абыхэм емызэшыжу сигу къагъэкІыжт Иеговэ фІыуэ сыкъызэрилъагъур. Сэ сытым щыгъуи Иеговэ фІыщІэ хузощІ, лъагъуныгъэ зэрылъ унагъуэшхуэ къызэрызитам щхьэкІэ».

17. Даут «[сэ] сышынэкъым» щІыжиІар сыт?

17 «[Сэ] сышынэкъым, уэ узигъусэщи». Даут и гъащІэр псэзэпылъхьэпІэм куэдрэ щихуа къэхъуащ. Абы бий лъэщ куэд иІэт. Ауэ Иеговэ и лъагъуныгъэр Даут къыдэІэпыкъут шынэр зытримыгъэкІуэну. Иеговэ сыт щыгъуи зэригъусэр абы зыхищІэти, и гум гузавэ илътэкъым. Арат абы Иеговэ теухуауэ мыпхуэдэу щІыжиІар: «Абы си гум шынэу илъу хъуар ирихащ» (Пс. 34:4). Даут щІэшынэн щхьэусыгъуэ куэд иІэт, ауэ Иеговэ и лъагъуныгъэ гуащІэм абы и гум шынэр ирихт.

18. Иеговэ и лъагъуныгъэр шынэм дытекІуэну къызэрыддэІэпыкъум теухуа щапхъэхэр къэфхь.

18 Гугъуехьышхуэ гуэрхэр дыщиІэм деж Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум дапхуэдэу къару къызэрытщІилъхьэр? Пионеру лажьэ ди шыпхъу Сью́зи и гъащІэм къыщыхъуам деплъынщ. Абы жеІэж езымрэ и щхьэгъусэмрэ сыт зыхащІами, я къуэм зыщиукІыжам щыгъуэ: «Апхуэдэ гуауэм иужькІэ куэдрэ зыкъыпхуэщІэжкъым. Дунейр къыптеункІыфІауэ икІи гъащІэр абдеж щиухауэ къыпщохъу. Ауэ Иеговэ и лъагъуныгъэр апхуэдизу куэду зыхыдигъэщІати, абы и ІэплІэм дису къытщыхъут». Зи щхьэгъусэ къепцІыжа Рейчел жеІэ: «Зы жэщ гуэрым си гур зэгуэтхъыным хуэдэу сыхъуат, шынэми сызэщІиубыдат. Сэ макъкІэ сыгъыу Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъэзащ. Асыхьэтым сэ гупсэхугъуэ зыхэсщІам хуэдэ зэи зыхэсщІакъым. Анэм и ІэплІэм сабийр зэрижеихьым хуэдэу сэри сыжеижащ. Сэ ар зэи сщыгъупщэнукъым». Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Та́сос армэм зэрыдэмыкІым щхьэкІэ илъэсиплІкІэ тутнакъым исащ. Дапхуэдэу абы Иеговэ и лъагъуныгъэр зэрызыхищІар? Ди къуэшым игу къегъэкІыж: «Сэ сызыхуэныкъуэм нэхърэ нэхъыбэ Иеговэ къызитт. Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым дзыхь нэхъ хуэсщІу сыхъуащ. ДауикІ, тутнакъым уисыным гуфІэгъуэ лъэпкъ хэлъкъым, ауэ Иеговэ и къару лъапІэр къызэрызитым и фІыгъэкІэ сэ гуфІэгъуэр сфІэкІуэдтэкъым. Сэ иджыри зэ къызгурыІуащ Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуэсщІыху, абы къысхуищІ тыгъэхэр нэхъ наІуэу зэрыслъагъур. Арати, тутнакъым сызэрисым хуэдэу, сэ общэ пионер лэжьыгъэр къэсщтащ».

ФІЫЩЭУ ФЫКЪЭЗЫЛЪАГЪУ ФИ АЛЫХЬЫМ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭФЩІ

19. 1) Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъур щытщІэм деж дапхуэдэу дэ абы лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр? 2) Иеговэ и лъагъуныгъэм теухуауэ сыт хуэдэ псалъэхэра уигу нэхъ дыхьэр? (« Иеговэ и лъагъуныгъэр зэрызыхыдигъащІэ псалъэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

19 Иджыпсту зи гугъу тщІа щапхъэхэм къагъэлъагъуэ «фІылъагъуныгъэ... зи деж къикІ» Иеговэ зэрыдигъусэр (2 Кор. 13:11). Абы дэтхэнэ зыми гулъытэ къытхуещІ икІи пэжагъ зыхэлъ и лъагъуныгъэмкІэ дыкъеухъуреихь (Пс. 32:10). Алыхьым и лъагъуныгъэр зэригъэлъагъуэм нэхъыбэрэ дегупсысыху, абы нэхъ гъунэгъу дыхуохъу, ди фІэщхъуныгъэри хохъуэ. Дэ хуиту абы жетІэ хъунущ и лъагъуныгъэм дызэрыхуэныкъуэр. Абы нэмыщІ дызыгъэгузавэхэмкІэ Иеговэ дыдэгуашэ хъунущ, абы дыкъызэрыгурыІуэнум икІи къызэрыддэІэпыкъунум шэч лъэпкъ къытедмыхьэу (Пс. 145:18, 19).

20. Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыну щІытфІэфІыр сыт?

20 Махуэ щІыІэм мафІэм нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІу зыбгъэхуэбэжыну узэрыхуейм хуэдэу, дэ дыхуейщ лъагъуныгъэкІэ дызыгъэхуабэ ди Алыхь Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыну. Абы и лъагъуныгъэр щабэми, къаруушхуэ щІэлъщ. Сыту насыпышхуэ езы Иеговэ фІыуэ укъилъагъуну! Аращи, псаломыр зытхам хуэдэу, дэри жыдвгъэІэ: «Иеговэ сэ фІыщэу солъагъу!» (Пс. 116:1).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ и лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрыщытыр?

  • Иеговэ и лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрыуигъэлъэгъуар?

  • Иеговэ фІыуэ узэрилъагъур зэрыпщІэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ?

108-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым къыбгъэдэкІ лъагъуныгъэ пэжыр

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.