11 СТАТЬЯР
Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыр?
«Псым зызэрыщІевгъэгъэуамкІэ... фымыкІуэду Тхьэм иджы фыкърегъэлыр» (1 ПЕТ. 3:21, Хъыб., 1993).
28-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *
1. Унэ пщІын ипэ сыт пщІэн хуейр?
УИ НЭГУ КЪЫЩІЭГЪЭХЬЭ зы цІыху гуэрым унэ ищІыну мурад ищІауэ. Абы ещІэ сыт хуэдэ унэ ищІыну хуейми. Унэм ирихьэлІэнухэр жэуэ занщІэу къищэхуну пІэрэ абы? Хьэуэ. Унэ ищІын щІидзэн ипэ мыхьэнэшхуэ зиІэ зы Іуэхугъуэ ищІэн хуейщ — унэщІэм ихьыну псор къибжын хуейщ. Сыт щхьэкІэ? Апхуэдэу имыщІэмэ, абы къыхуэщІэнукъым къригъэжьар икІэм нигъэсын щхьэкІэ ахъшэр ирикъунрэ иримыкъунрэ. ЯпэщІыкІэ тІысрэ псори къибжмэ, унэр хунэгъэсыну къыщІэкІынщ.
2. Лука 14:28—30 зэритымкІэ, псым зыщІэбгъэуэн ипэ сыт Іэмал имыІэу узэгупсысын хуейр?
2 Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм икІи абы къыпхуищІэр фІыщІэ зэрыпщІым ухуигъэушрэ псым зыщІэбгъэуэну? Апхуэдэу щытмэ, унэ зыщІыну хуей цІыхум ухуэдэу жыпІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ? Лука 14:28—30 ит Хьисэ и псалъэхэр зэпкърытхынщ (къеджэ). Мы едзыгъуэхэм Хьисэ щыжеІэ и лъэужь ирикІуэ цІыхуу ущытыным къикІыр сытми. Хьисэ и лъэужь диувэн щхьэкІэ дыхуэхьэзыру дыщытын хуейщ абы «тедгъэкІуэдэнум» — гугъуехьхэр тшэчыну икІи зыгуэр къэдгъэнэну (Лк. 9:23—26; 12:51—53). Аращи, псым зыщІэбгъэуэн ипэ псори зэпэпшэчу «тебгъэкІуэдэнур къэббжын» хуейщ. Апхуэдэу пщІэмэ, нэхъ ухуэхьэзырынущ псым зыщІэбгъэуа иужь Алыхьым пэжу ухуэлэжьэну.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Псым зыщІэбгъэуа иужь гугъуехьхэр пшэчынуми икІи зыгуэр къэбгъэнэн хуей хъунуми а лъэбакъуэр зэрыпчам щхьэкІэ зэгуэр ухущІегъуэжыну пІэрэ? ДауикІ, ухущІегъуэжынукъым! Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы иджыпстуи къэкІуэну зэманми фІыгъуэ къыпхуихьынущ. Аращи, псым зыщІэгъэуэным пыщІа упщІэхэр зэпкърытхынщ. Ар уэ къыбдэІэпыкъунущ мыхьэнэшхуэ зиІэ а лъэбакъуэм ухуэхьэзыррэ ухуэмыхьэзыррэ зэхэбгъэкІыну.
УИ ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ИПЛЪХЬЭНЫМРЭ ПСЫМ ЗЫЩІЭБГЪЭУЭНЫМРЭ СЫТ КЪИКІЫР?
4. 1) Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэным сыт къикІыр? 2) Маттэ 16:24 ит «езыр зыхуей Іуэхугъуэхэр кърегъанэ» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр?
4 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэным сыт къикІыр? Псым зыщІэбгъэуэн ипэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн хуейщ. Абы къикІыр — уи гум къыбгъэдэкІыу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэбгъазэу, игъащІэ псокІэ ухуэлэжьэну узэрыхуейр жепІэныращ. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щиплъхьэм деж, уэ узыхуей Іуэхугъуэхэр къыбогъанэ. (Къеджэ Маттэ 16:24.) Абы къыщыщІэдзауэ Иеговэ ей уохъу, ар, дауикІ, зыми хуэмыдэ щІыхьышхуэщ (Рим 14:8). Уэ Иеговэ жыбоІэ абы жиІэр бгъэзэщІэныр иджы уи дежкІэ псом нэхъапэу зэрыщытыр икІи уэ узыхуейр япэ зэрумыгъэщынур. Иеговэ апхуэдэу пщІэну ухигъэзыхькъым. Ауэ уэ абы ухуэлэжьэну псалъэ ептамэ, ар хуитщ къыпщыгугъыну уи псалъэм утетыжыну (Пс. 116:12, 14).
5. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэнымрэ псым зыщІэбгъэуэнымрэ дауэ зэрызэпыщІар?
5 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэнымрэ псым зыщІэбгъэуэнымрэ дауэ зэрызэпыщІар? Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щиплъхьэм деж, ар Иеговэ закъуэщ зыщІэр. Ауэ псым зыщыщІэбгъауэм деж ар нэгъуэщІ цІыхухэм ялъагъу икІи а Іуэхугъуэр и нэхъыбэм деж конгрессыращ щекІуэкІыр. Псым зыщыщІэбгъауэм деж нэгъуэщІхэм ибогъэлъагъу уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьар *. Псым зэрызыщІэбгъауэмкІэ нэгъуэщІхэм къагуроІуэ «уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи, уи къару псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ» зэрыплъагъур икІи игъащІэ псокІэ абы ухуэлэжьэну мурад зэрыпщІар (Мк. 12:30).
6, 7. 1 Петр 3:18—22 зэритымкІэ, псым зыщІэдгъэуэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуитІ щыІэ?
6 Іэмал имыІэу псым зыщІэбгъэуэн хуей? 1 Петр 3:18—22 ит псалъэхэм девгъэплъ (къеджэ). Кхъухьым Нухь и фІэщхъуныгъэр къызэригъэлъагъуэу щытам хуэдэу, псым зэрызыщІэбгъауэм нэрылъагъу ещІ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьар. Ауэ Іэмал имыІэу псым зыщІэбгъэуэн хуей? Хуейщ. Абы и щхьэусыгъуэр апостол Петр къыдгуригъэІуащ. Япэрауэ, псым зэрызыщІэбгъауэм уи гъащІэр кърегъэл. Абы уи гъащІэр къыщригъэлынур уи ІуэхущІафэхэмкІэ Хьисэ уи фІэщ зэрыхъур къэбгъэлъагъуэу щытмэщ — Мэссихь уэ щхьэкІэ зэрылІар, лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар, иджы «уафэм дэкІуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкІэ бгъэдэтІысхьауэ» зэрыщысыр.
7 ЕтІуанэрауэ, псым зэрызыщІэбгъауэм Іэмал къыует напэ къабзэ зэбгъэгъуэтыну. Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэу, псым зыщыщІэдгъауэм деж, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъ мэхъу. Алыхьым ди гуэныхьхэр къытхуегъэгъу ди гум къыбгъэдэкІыу дызэрыщІегъуэжыр икІи Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр ди фІэщ зэрыхъур щилъагъум деж. Апхуэдэу дэ напэ къабзэ диІэ мэхъу.
8. Псым зыщІэбгъэуэну сыт ухуэзыгъэушын хуейр?
8 Псым зыщІэбгъэуэну сыт ухуэзыгъэушын хуейр? Библиер куууэ бджыурэ уэ куэд къэпщІащ езы Иеговэ, абы и хьэл-щэнхэм икІи и ІуэхущІафэхэм теухуауэ. А псор уи гум нэсри, абы ухуигъэушащ Алыхьыр фІыуэ плъагъуну. Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэращ псым зыщІэбгъэуэну япэ дыдэу ухуэзыгъэушын хуейр.
9. Адэ лъапІэм, Къуэм, Алыхьым и къару лъапІэм я цІэкІэ псым зыщІэгъэуэн жиІэу Маттэ 28:19, 20 ит псалъэхэм къикІыр сыт?
9 Абы нэмыщІ псым зыщІэбгъэуэну мурад пщІам лъабжьэ хуэхъун хуейщ Библием ит щІэныгъэ пэж уи фІэщ хъуахэр. Хьисэ унафэ къыдитащ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэр дгъэхьэзырыну. А унафэр дигу къэдгъэкІыжынщ. (Къеджэ Маттэ 28:19, 20.) Хьисэ жиІащ абы и лъэужь иувэхэм «Адэ лъапІэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапІэми [«къару лъапІэми», ДЩІ] я цІэкІэ» псым зыщІагъэуэн хуейуэ. Сыт абы къикІыр? Уэ гурэ псэкІэ уи фІэщ хъун хуейщ Иеговэ, абы и Къуэ Хьисэ икІи къару лъапІэм теухуауэ Библием ит пэжыр. А щІэныгъэхэм къаруушхуэ яІэщ икІи ахэр уи гум куууэ нэсыфынущ (Евр. 4:12). Ахэр дигу къэдвгъэгъэкІыж.
10, 11. Ди Адэм теухуауэ сыт хуэдэ пэжхэр къэпщІа икІи уи фІэщ хъуа?
10 Библиер щыбджым Адэм теухуауэ мыпхуэдэ пэжхэр къэпщІащ: абы и цІэр Иеговэщ, а зыращ «ди Щхьэщыгум иту щІылъэ псом щхьэщытыр» икІи а зыращ Алыхь пэжыр (Пс. 83:18; Ис. 37:16). Иеговэ псори къигъэщІащ икІи ар ди КъегъэлакІуэщ (Пс. 3:8; 36:9). Гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІэкІыну икІи гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Иеговэ гугъэ къыдитащ (Ин. 17:3). Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщыщІэбгъауэм деж, абы и Щыхьэт уохъу (Ис. 43:10—12). Уэ дуней псом тет Иеговэ и унагъуэм щыщ уохъу. А унагъуэм щыщхэр Иеговэ и цІэр зэрызрахьэм иропагэ икІи нэгъуэщІ цІыхухэми а цІэр къыхузэІуах (Пс. 86:12).
11 Адэм теухуауэ Библием ит пэжыр пщІэныр щІыхьышхуэщ! Уасэ зимыІэ а пэжхэр уи фІэщ щыхъум деж, абы ухуегъэуш уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэну.
12, 13. Алыхьым и Къуэм теухуауэ сыт хуэдэ пэжхэр къэпщІа икІи уи фІэщ хъуа?
12 Алыхьым и Къуэм теухуауэ сыт хуэдэ пэжхэр уэ къэпщІа? Хьисэ Иеговэ иужь увыпІэ нэхъ лъагэр Дуней псом щиІыгъщ. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэу абы и гъащІэр дэ щхьэкІэ хьэзыру итащ. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр ди фІэщ зэрыхъур ди ІуэхущІафэхэмкІэ къэдгъэлъагъуэмэ, Алыхьым ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуу, абы и ныбжьэгъу дыхъуфынущ икІи гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуфынущ (Ин. 3:16). Хьисэ — ди Дин пашэшхуэщ. Ар хуейщ щхьэщэхужым къытхуихь фІыгъуэхэр къытІэрыхьэну икІи Алыхьым и ныбжьэгъу дыхъуну (Евр. 4:15; 7:24, 25). Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьщ икІи Иеговэ Хьисэ къигъэсэбэпу и цІэр игъэкъэбзэжынущ, Іейр игъэкІуэдынущ, щІылъэм жэнэтыр щиухуэжынущ икІи цІыхухэм гъащІэ мыухыж яритынущ (Мт. 6:9, 10; Апок. 11:15). Хьисэ щапхъэ тхуохъу (1 Пет. 2:21). Абы щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ Алыхьым и мурадыр псэемыблэжу гъэзэщІэным теухуауэ (Ин. 4:34).
13 Хьисэ теухуауэ Библием ит пэжхэр уи фІэщ щыхъум деж, уэ Алыхьым и Къуэр фІыуэ плъагъуу уохъу. А лъагъуныгъэм ухуегъэуш Хьисэ хуэдэу Алыхьым и мурадыр бгъэзэщІэну. Аращи, уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэну ухуей мэхъу.
14, 15. Алыхьым и къару лъапІэм теухуауэ сыт хуэдэ пэжхэр къэпщІа икІи уи фІэщ хъуа?
14 Алыхьым и къару лъапІэм теухуауэ сыт хуэдэ пэжхэр уэ къэпщІа? Къару лъапІэр Тхьэнапищым ящыщ зыкъым, ар Алыхьым къигъэсэбэп къарущ. Иеговэ и къару лъапІэр къигъэсэбэпри Библиер иригъэтхащ икІи а къару лъапІэмкІэ дэри къыддоІэпыкъу дызэджэр къыдгурыІуэу къэдгъэсэбэпыну (Ин. 14:26; 2 Пет. 1:21). Иеговэ и къару лъапІэмкІэ дызыхуэныкъуэ къарур къыдет (2 Кор. 4:7). Алыхьым и къару лъапІэмкІэ къыддоІэпыкъу хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну, гъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну, гукъыдэмыжым дытекІуэну икІи гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэну. Ар къыддоІэпыкъу Галатие 5:22, 23 ит хьэл-щэн дахэхэр зыхэтлъхьэну. Алыхьыр хьэзырщ и къару лъапІэр иритыну и гум къыбгъэдэкІыу абы щхьэкІэ къелъэІум икІи дзыхь къыхуэзыщІым (Лк. 11:13).
15 Гупсэхугъуэщ пщІэну Иеговэ и лэжьакІуэхэр хъыбарыфІ гъэІуным адэкІи хэтын щхьэкІэ абы и къару лъапІэм зэрыщыгугъ хъунур! Алыхьым и къару лъапІэм теухуауэ Библием ит пэжхэр уи фІэщ щыхъум деж, абы ухуегъэуш уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэну.
16. Сыт мы статьям къыщытщІар?
16 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэну унафэ пщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ къэтщІащ а лъэбакъуэр тчын щхьэкІэ дыхуэхьэзыру дыщытын зэрыхуейр абы «тедгъэкІуэдэнум» — гугъуехьхэр тшэчыну икІи зыгуэр къэдгъэнэну. Ауэ фІыгъуэ къыпІэрыхьэнухэр куэдкІэ нэхъыбэщ къэбгъанэхэм нэхърэ. Псым зэрызыщІэбгъауэм уи гъащІэр къригъэлыфынущ икІи абы Іэмал къыует напэ къабзэ уиІэу Алыхьым ухуэлэжьэну. Псым зыщІэбгъэуэну япэ дыдэу ухуэзыгъэушын хуейр Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэращ. Абы нэмыщІ Адэ лъапІэм, Къуэм икІи Алыхьым и къару лъапІэм теухуауэ Библием ит пэж къэпщІахэр уи гум къыбгъэдэкІыу уи фІэщ хъун хуейщ. Гупсысэ зэпкърытхахэм иужь зэхэбгъэкІыфауэ пІэрэ псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыррэ умыхьэзыррэ?
ПСЫМ ЗЫЩІЭБГЪЭУЭН ИПЭ СЫТ ПЩІЭН ХУЕЙР?
17. Псым зыщІэбгъэуэн ипэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр пчын хуей?
17 Псым зыщІэбгъэуэну ухуэхьэзыру къэплъытэмэ, шэч хэмылъу, уэ куэд пщІащ Иеговэ гъунэгъу ухуэхъун щхьэкІэ *. Зэпымыууэ Библиер зэрыбджам и фІыгъэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ уэ куэд къэпщІащ икІи фІэщхъуныгъэ уиІэ хъуащ (Евр. 11:6). Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ Библием ит псалъэхэм дзыхь хуэпщІ зэрыхъуныр уи фІэщ хъуащ икІи Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр уи фІэщ зэрыхъум щхьэкІэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ укъызэрыІэщІэкІыфынур къыбгурыІуащ. Уэ уи гуэныхьхэм ухущІегъуэжащ, нэгъуэщІу жыпІэмэ Иеговэ игу иримыхьу япэм пщІа Іуэхугъуэхэм узэрыхущІегъуэжар абы жепІащ икІи къыпхуигъэгъуну уелъэІуащ. «Тхьэм и гъуэгу» утехьащ, нэгъуэщІу жыпІэмэ уи дуней тетыкІэр зэрыщыту пхъуэжри, Алыхьым и хабзэхэм утету псэун щІэбдзащ (Апост. 3:19). Уи фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэгъуэщІхэм яжепІэну ухуей хъуащ. Уэ хъыбарыфІыр зэхуэсым и гъусэу бгъэІуу щІэбдзащ (Мт. 24:14). А лъэбакъуэхэр зэрыпчам Иеговэ иропагэ! Уэ абы и гур хуабжьу богъэгуфІэ (Прит. 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр).
18. Псым зыщІэбгъэуэн ипэ иджыри сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр пчын хуей?
18 Псым зыщІэбгъэуэн ипэ иджыри нэгъуэщІ лъэбакъуэхэр пчын хуейщ. ИпэкІэ зэрыжытІащи, уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн хуейщ. Уи закъуэу уи гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ лъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи абы и мурадыр бгъэзэщІэну псалъэ ет (1 Пет. 4:2). ИужькІэ псым зыщІэбгъэуэну узэрыхуейр зэхуэсым и нэхъыжьхэм я координаторым жеІэ. Ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм елъэІунущ уэ къопсэлъэну. Абыхэм уазэрыхуэзэнум ущымышынэ. А къуэшхэм уэ, дауикІ, уацІыху, фІыуэ уалъагъу икІи гуапэу къыпхущытщ. Ахэр Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм теухуауэ къопсалъэу, а щІэныгъэхэр къызэрыбгурыІуэр зэхагъэкІынуращ. ИкІи уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыбгурыІуэрэ къыбгурымыІуэрэ къащІэну яхуейуэ аращ. Уэ псым зыщІэбгъэуэну ухуэхьэзыру ялъагъумэ, абыхэм къыбжаІэнущ къыкІэлъыкІуэ конгрессыр къэсмэ, псым зыщІэбгъауэ зэрыхъунур.
ПСЫМ ЗЫЩІЭБГЪЭУА ИУЖЬ СЫТ ПЩІЭН ХУЕЙР?
19, 20. Псым зыщІэбгъэуа иужь сыт пщІэн хуейр икІи сыт абы хыхьэр?
19 Псым зыщІэбгъэуа иужь сыт пщІэн хуейр? * Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щиплъхьэм деж абы псалъэ ибот икІи Иеговэ къыпщогугъ уи псалъэм утетыжыну. Аращи, псым зыщІэбгъэуа иужь псалъэ птам утету упсэун хуейщ. Сыт абы хыхьэр?
20 Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ уэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъыным хущІэкъу. Псым зыщІэбгъэуа иужь Иеговэ и унагъуэшхуэм щыщ уохъу (1 Пет. 2:17). Иджы а унагъуэм щыщ цІыхухэр уи къуэш, уи шыпхъуу плъытэ хъунущ. Зэпымыууэ зэІущІэхэм ущыкІуэм деж къуэш, шыпхъухэмрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ бощІ. Махуэ къэс Алыхьым и Псалъэм еджэ икІи узэджам егупсыс (Пс. 1:1, 2). Библием щыщ Іыхьэ уеджа иужь, зэман хэх абы ит псалъэхэм нэхъ куууэ уегупсысын щхьэкІэ. Апхуэдэу пщІэмэ, Библием ит гупсысэхэр уи гум нэсынущ. Зэпымыууэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэгъазэ (Мт. 26:41). Уи гум къыбгъэдэкІ лъэІухэм абы нэхъ гъунэгъу ухуащІынущ. «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Іуэхугъуэхэр» сыт щыгъуи ипэ игъэщ (Мт. 6:33). Апхуэдэу щытын щхьэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным уи гъащІэм увыпІэ нэхъыщхьэр щиубыдын хуейщ. ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру узэрыхэтым уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ икІи абыкІэ нэгъуэщІхэм уадоІэпыкъу гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум теувэну (1 Тим. 4:16).
21. Псым зэрызыщІэбгъауэм сыт хуэдэ Іэмал къыуитыр?
21 Уи гъащІэм унафэ пщІыхэм щыщу псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэныращ. Абы нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым! ДауикІ, абы зыгуэр «тебгъэкІуэдэн» хуейщ. Абы щхьэкІэ гугъуехьхэр тшэчыным икІи зыгуэр къэдгъэнэным мыхьэнэ иІэ? ДауикІ, иІэщ! Мы дунейм гугъуехь щытшэчхэр «мащІэу икІи кІэщІу» щытщ (2 Кор. 4:17). Ауэ псым зэрызыщІэбгъауэм Іэмал къыует иджыпсту насыпыфІэу упсэуну, абы нэмыщІ къэкІуэну зэманым «мыкІуэдыжын гъащІэ» уиІэну (1 Тим. 6:19). Абы къыхэкІкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи фІыуэ егупсыси, мы упщІэм жэуап ет: «Псым зыщІэзгъэуэну сыхьэзыр?»
49-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и гур гъэгуфІэ
^ Псым зыщІэбгъэуэну уегупсысрэ? Уегупсысу щытмэ, мы статьяр уэ щхьэкІэ ятхащ. Псым зыщІэгъэуэным пыщІа упщІэхэр мы статьям щызэпкърытхынущ. А упщІэхэм я жэуапхэр къыбдэІэпыкъунущ псым зыщІэбгъэуэну ухуэхьэзыррэ ухуэмыхьэзыррэ къыбгурыІуэну.
^ « Псым зыщыщІэбгъауэ махуэм жэуап зэптын хуей упщІитІ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
^ «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» тхылъымрэ «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ» тхылъымрэ бджын умыухауэ щытмэ, Иеговэ и Щыхьэтым и гъусэу а тхылъхэм и кІэм нэс уеджэн хуейщ.