Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

1 УЭРЭДЫР

Иеговэ и хьэл-щэнхэр

Иеговэ и хьэл-щэнхэр

(Апокалипсис 4:11)

  1. 1. Дахащэ хьэл-щэнхэр пхэлъщ, ди Алыхь.

    Лъэщагъыр, къарур уэ уи Іуэхухэм къыхощ.

    Зыпхъуэжкъым зэикІ, уи нурыр тщхьэщытщ,

    Уэращ псоми гъащІэ езытар.

  2. 2. Пэжагъым, Иеговэ, тетщ уи тахътэр,

    Уи хабзэхэм псоми захуагъэ яхэлъщ.

    Іущагъыр уафэм ит мазэу тщхьэщытщ,

    Дуней кІыфІым гъуэгур тхуегъэнэху.

  3. 3. Уи лъагъуныгъэшхуэр хэІэтыкІащ,

    Дэ фІыгъуэ тхуэпщІахэр абы къыхэкІащ.

    Ди гъащІэр, Адэ, уэращ зэлъытар,

    ГущІэгъу пхэлъым дэ дыдихьэхащ.