Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

130 УЭРЭДЫР

Зыр зым хуэвгъэгъу

Зыр зым хуэвгъэгъу

(Псалом 86:5)

  1. 1. ФІыуэ Тхьэм дилъагъуу,

    И Къуэр дэр щхьэкІэ итащ.

    ЦІыху дагъуэншэ дэ дищІыжу,

    Ар лІэныгъэми текІуэнщ.

    ДыщІегъуэжмэ гурэ псэкІэ,

    Мамырыгъэ дигу илъынщ.

    Хьисэ и цІэкІэ Иеговэ

    Ди гуэныхьхэр тхуигъэгъунщ.

  2. 2. Ди Адэм щапхъэ тетхыу,

    Ди къуэш, шыпхъухэм хуэдгъэгъунщ.

    ТэмакъкІэщІу дыщымыту,

    ГущІэгъушхуэ яхуэтщІынщ.

    Лъагъуныгъэ ди якум дэлъмэ,

    Абы сытри хузэфІокІ.

    ПщІэ яхуэтщІу ди къуэш, шыпхъухэм

    ШыІэныгъэ дгъэлъэгъуэнщ.

  3. 3. Тхьэм и гущІэгъушхуэм

    Щапхъэ псоми дэ тедвгъэх.

    Губжьым кІуапІэ едмытыххэу,

    Гурэ псэкІэ хуэдгъэгъунщ.

    Дэ ди къуэшыр фІыуэ тлъагъумэ,

    Псалъэ гуауэ жедмыІэн.

    Іэдэбагъыр тхэлъу дгъэгъумэ,

    Иеговэ ещхь дыхъунщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Мт. 6:12; Еф. 4:32; Кол. 3:13.)