Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

63 УЭРЭДЫР

Дэ Иеговэ дыри-Щыхьэтщ!

Дэ Иеговэ дыри-Щыхьэтщ!

(Исаия 43:10—12)

  1. 1. ЦІыхухэм мывэм, пхъэм пщІэ хуащІ,

    Иеговэ ямыцІыху.

    ЛъапІэщ ди Алыхьыр

    И Іуэху псори лъэщщ.

    Тхьэхэр зыри имыщІыс,

    Ди къэкІуэныр ямылъагъу.

    Я ІэкІэ цІыхухэм тхьэ ящІыжам

    ПщІэншэу щыгугъыу гъащІэр яхь.

    ЕЖЬУ

    «Сэ фызищыхьэтщ»,— жиІащ

    ГъащІэр псоми езытам.

    Псалъэ итам сыт щыгъуи тетыжщ,

    ЖиІэри игъуэу къэхъунщ.

  2. 2. Адэм и цІэр мы дунейм

    Дызэкъуэту дгъэлъэпІэнщ.

    ЛІыгъэ тхэлъу пэжыр

    Псоми яжетІэнщ.

    ДылъэІэсмэ я гум дэ,

    Пэжым ахэр хуит ищІынщ.

    Я фІэщхъуныгъэри быдэ хъунщ,

    Ди Адэ Иеговэ щІыхь хуащІынщ.

    ЕЖЬУ

    «Сэ фызищыхьэтщ»,— жиІащ

    ГъащІэр псоми езытам.

    Псалъэ итам сыт щыгъуи тетыжщ,

    ЖиІэри игъуэу къэхъунщ.

  3. 3. Адэм и цІэр ягъэпуд,

    Ауэ ар догъэкъэбзэж

    И махуэшхуэр къосыр,

    Псоми къедгъэщІэнщ.

    ЦІыхур игукІэ щІегъуэжам

    И гуэныхьыр Тхьэм хуегъэгъу.

    Къыхуэпэж цІыхухэри къихъумэнщ,

    ГъащІэ мыухыжыр яритынщ.

    ЕЖЬУ

    «Сэ фызищыхьэтщ»,— жиІащ

    ГъащІэр псоми езытам.

    Псалъэ итам сыт щыгъуи тетыжщ,

    ЖиІэри игъуэу къэхъунщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Ис. 37:19; 55:11; Иез. 3:19.)