Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

11-НЭ УРОКЫР

Библием ит принципхэм утету упсэун щІыхуейр сыт?

Библием ит принципхэм утету упсэун щІыхуейр сыт?

1. Алыхьым и чэнджэщхэм дыщІыхуэныкъуэр сыт?

Библием ит принципхэм ди гъащІэм дыхуэсакъыну дызэрыхуагъэушыр дауэ? (ПСАЛОМ 36:9).

ДыкъэзыгъэщІа Алыхьыр дэр нэхърэ куэдкІэ нэхъ Іущщ. Ар зи быныр фІыуэ зылъагъу адэм хуэдэу дэр щхьэкІэ мэгузавэ икІи гугъуехьхэм дыщихъумэну хуейщ. Абы нэмыщІ дэ абы дыкъигъэщІакъым и унафэм дыщІэмыту дыпсэуну (Иеремия 10:23). Сабийр и адэ-анэм зыхуей хуагъэзэну зэрыхуэныкъуэм хуэдэу дэри дыкъэзыгъэщІа Алыхьым и Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэм дыхуэныкъуэщ (Исаия 48:17, 18). Библием ит принципхэр Алыхьым и тыгъэщ, абыхэм дэ дызэрыпсэун хуейр къыдагъащІэ. (Къеджэ 2 Тимофей 3:16.)

Иеговэ и хабзэхэмрэ и принципхэмрэ иджыпсту щыщІэдзауэ къыддоІэпыкъу нэхъыфІу дыпсэуну икІи къэкІуэну зэманым гъащІэ мыухыж диІэну Іэмал къыдат. Дэ Алыхьым дыкъигъэщІащи, дэ ттеухуауэ абы псори ещІэ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и чэнджэщхэм дытетыным икІи абыхэм щхьэкІэ фІыщІэ тщІыным Іущагъ хэлъщ. (Къеджэ Псалом 19:7, 11; Апокалипсис 4:11.)

2. Библием ит принципхэр сыт зищІысыр?

Библием хабзи принципи итщ. Хабзэхэр ар унафэ пыухыкІащ (Второзаконие 22:8). Принципхэм Іуэхугъуэ зэмылІэужьыгъуэхэм теухуауэ Алыхьым иІэ еплъыкІэр къыдгурагъаІуэ. Принципыр къызэрыбгъэсэбэпыну щІыкІэр къыбгурыІуэн щхьэкІэ уи акъылыр бгъэлэжьэн хуейщ (Притчи 2:10—12, Гъэсэпэтхыдэхэр). Псалъэм папщІэ, Библием щыжыІащ гъащІэр Алыхьым и тыгъэу зэрыщытыр. Дэ а принципыр къыддоІэпыкъу дыщылажьэм, унэм дыщыщІэсым е зыщыдгъэпсэхум деж ди гъащІэр хъума хъун щхьэкІэ дысакъыну. (Къеджэ Апостолхэм 17:28.)

3. Сыт хуэдэ принципитІыра псом нэхърэ нэхъыщхьэр?

Хьисэ жиІауэ щытащ псом нэхърэ нэхъыщхьэу принципитІ зэрыщыІэр. Япэ принципыр ди гъащІэм и мыхьэнэм епхащ — ар Алыхьыр къэтцІыхуныр, фІыуэ тлъагъуныр икІи пэжу дыхуэлэжьэныращ. Ди гъащІэм сыт хуэдэ унафэ къыщыдмыщтэми, а принципым дытетын хуейщ (Притчи 3:6, Гъэс.). Абы тету псэухэр Алыхьым и ныбжьэгъу хъуфынущ икІи гъащІэ мыухыж яІэу насыпыфІэу псэуфынущ. (Къеджэ Маттэ 22:36—38.)

ЕтІуанэ принципыр къыддэІэпыкъунущ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну (1 Коринф 13:4—7). Мы принципым дытетын щхьэкІэ Алыхьыр цІыхухэм зэрыхущытым щапхъэ тетхын хуейщ. (Къеджэ Маттэ 7:12; 22:39, 40.)

4. Библием ит принципхэр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?

Библием ит принципхэм унагъуэр нэхъ быдэ ящІ икІи абы исхэм лъагъуныгъэ пэж ягъэлъэгъуэну къадоІэпыкъу (Ефес 4:32; Колоссэ 3:12, 14). Алыхьым и Псалъэм унагъуэр нэхъ быдэ зыщІыну зы принцип иджыри итщ. Ар зэщхьэгъусэхэр игъащІэкІэ зэрызэдэпсэун хуейращ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 2:24.)

Библием ит принципхэм дытету щытмэ, ди лэжьапІэр тфІэмыкІуэдыну икІи ди гум гупсэхугъуэ илъыну къыддэІэпыкъунущ. Псалъэм папщІэ, цІыху зыгъэлажьэхэм пэжагъ зыхэлъ цІыхур икІи зи лэжьыгъэр егугъуу зыгъэзащІэр ягъэлэжьэну нэхъ къащтэ (Притчи 10:4, 26; Еврейхэм 13:18). Алыхьым и Псалъэм дегъасэ диІэмкІэ арэзыуэ дыщытыну икІи мылъку зэхуэхьэсыным нэхърэ Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ лъапІэу тлъытэну. (Къеджэ Маттэ 6:24, 25, 33; 1 Тимофей 6:8—10.)

Библием ит принципхэр къызэрыдгъэсэбэпым ди узыншагъэр къихъумэнущ (Притчи 14:30; 22:24, 25, Гъэс.). Псалъэм папщІэ, Библием фадэкІэ егъэлеиныр идэкъым. Мы Іуэхугъуэм теухуауэ Алыхьым жиІэм дедаІуэмэ, абы дэ узыфэ хьэлъэхэми насыпыншагъэ куэдми дыщихъумэнущ, псалъэм папщІэ, авариехэм (Притчи 23:20, Гъэс.). Иеговэ фадэ демыфэххэну жиІэу аракъым, атІэ дызэфэм дыкІэлъыплъыжыну къыджиІэу аращ (Псалом 104:15; 1 Коринф 6:10). Алыхьым и принципхэм дагъасэ ди щытыкІэми ди гупсысэхэми дыкІэлъыплъыжыну (Псалом 119:97—100). Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр абы и хабзэхэм щІытетыр я гъащІэр нэхъыфІ зэращІыным и закъуэкъым, атІэ Иеговэ ягъэлъэпІэну хуейщи аращ. (Къеджэ Маттэ 5:14—16.)