Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2-НЭ УПЩІЭР

Си теплъэр сигу щІримыхьыр сыт?

Си теплъэр сигу щІримыхьыр сыт?

МЫ УПЩІЭМ И ЖЭУАПЫР ПЩІЭНЫМ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР СЫТ?

Уи теплъэракъым уи насыпыр зэлъытар.

СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?

Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ къызыщыгъэхъут: Юлие гъуджэм йоплъэри и теплъэр игу ирихькъым. «ТІэкІу кІэрызмыгъэхуу хъунукъым» — йогупсыс ар, и адэ-анэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ башым хуэдэу гъуру щыту къызэрыжраІэм емылъытауэ.

Куэд мыщІэу Юлие килограмм зытІущ зэрыкІэригъэхун Іэмалым егупсысу щІидзащ. Ар махуэ зыбжанэкІэ шхэн хуэмейуэ аращ...

Апхуэдэ гупсысэхэр уигу къэкІмэ, сыт уэ пщІэнур?

КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!

Уэ зэрызыкъыпщыхъужыр гъуджэ Іушэм укъызэрищым ещхьу щытыфынущ

УзыкІэлъыплъыжыным зыри Іей хэлъкъым. ГъэщІэгъуэныращи, Сарэ, Рахэл, Авигея, Исуф, Даут сымэ теплъэ дахэ яІауэ Библием итщ. Абыхэм нэмыщІи Ависагэ зицІэ хъыджэбзыр «дахэ дыдэу» щытауэ Библием жеІэ (1 Царей 1:4).

Ауэ нобэ ныбжьыщІэ куэдыр я теплъэм егъэлеяуэ ирогузавэ. Апхуэдэ щытыкІэм фІым ухуишэнукъым. ИщІагъым къыщыхьа гупсысэхэм гу лъытэ:

  • Зы къэхутэныгъэ гуэрым къызэригъэлъэгъуамкІэ, хъыджэбзхэм процент 58-м егъэлеяуэ пшэру забжыжт, ауэ и пэжыпІэкІэ абыхэм щыщу процент 17-ырат апхуэдэу щытыр.

  • НэгъуэщІ къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкІэ, егъэлеяуэ гъуру щыт цІыхубзхэм процент 45-м я гугъэт гъур защІын хуейуэ!

  • Языныкъуэ ныбжьыщІэхэр нэхъ гъур защІын щхьэкІэ мышхэурэ анорексиекІэ сымаджэ мэхъу. Ар къарууншэ узыщІ узыфэ шынагъуэщ.

АнорексиекІэ е нэгъуэщІ узыфэкІэ усымаджэу къыпщыхъумэ, уи адэ-анэм е балигъ гуэрым къыбдэІэпыкъуну зыхуэгъазэ. Библием щыжыІащ: «Ныбжьэгъу пэжым сыт щыгъуи фІыуэ уелъагъу, ар гузэвэгъуэ ущихуам къыбдэІэпыкъу къуэшщ» (Притчи 17:17).

СЫТ ПЭЖУ ХЪУЭЖЫН ХУЕЙР

ЦІыхур зыгъэдахэр и хьэл-щэныфІхэращ. Ар къегъэлъагъуэ Даут и къуэ Авессалом и щапхъэм. Абы теухуауэ мыпхуэдэу Библием итщ:

«Авессалом хуэдэу теплъэ дахэ зиІэ цІыхухъу зыри щыІэтэкъым. Абы дэбгъуэн зыри хэлътэкъым» (2 Самуила 14:25).

Ауэ а щІалэр пагэу, пщІэ лей къилъыхъуэу, бзаджэу щытт! Аращ абы Библиер лъэныкъуэфІкІэ темыпсэлъыхьу, пэжагърэ гущІэгъурэ зыхэмылъ цІыху Іейуэ щытауэ щІыжиІэр.

Абы къыхэкІыу Библием мыпхуэдэ чэнджэщхэр итщ:

«ЩэныщІэфІыр фащэ хуэдэу... [зэфшэкІ, ДЩІ]» (Колоссэ 3:10).

«Дахэ фызыщІыр фи теплъэрауэ щремыт... атІэ цІыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу... дахагъэ мыкІуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщІыр» (1 Петр 3:3, 4).

Дахэу ущытыну узэрыхуейм Іей лъэпкъ хэлъкъым, ауэ мыхьэнэ зиІэр цІыхуфІу ущытыныр аращ. ИкІэм-икІэжым цІыхухэр къыдэзыхьэхынур уи теплъэ дахэракъым, атІэ уи хьэл-щэнхэращ! Фелисие къыддогуашэ: «Теплъэ дахэ уиІэмэ, гу къыплъатэфынущ, ауэ цІыхухэм ягу нэхъыбэу къинэжыныр пхэлъ хьэл-щэн дахэхэращ».

ЕГУПСЫС

Уи теплъэр уигу щримыхьыж къэхъурэ?

Зэгуэр уегупсысауэ пІэрэ пластическэ операцэ пщІыну е диетэ утесыну уи теплъэр пхъуэжын щхьэкІэ?

ПхузэфІэкІыну щытамэ, сытыт пхъуэжыну узыхуейр? (Къыхэх.)

  • ЛЪАГАГЪЫР

  • ХЬЭЛЪАГЪЫР

  • ЩХЬЭЦЫР

  • ІЭПКЪЛЪЭПКЪЫР

  • НЭКІУР

  • НЭГЪУЭЩІ ЗЫГУЭР

Япэ упщІитІым «нтІэ» жыпІэу жэуап ептамэ икІи ещанэм псалъэ зытІущ къыхэпхамэ, мыбы егупсыс: уэ пхуэдэу адрейхэм уи теплъэм дагъуэн гуэр къалъыхъуэу щыту къыщІэкІынукъым. Егъэлеяуэ уи теплъэм узэригъэгузавэм фІым ухуишэнукъым (1 Самуила 16:7).