Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

67-НЭ ХЪЫБАР

Иосафат Иеговэ щогугъ

Иосафат Иеговэ щогугъ

ПЩІЭРЭ мы цІыхухэр хэтми, иджыпсту ящІэр сытми? Мыхэр зауэм макІуэ, япэ иту кІуэ цІыхухъухэм уэрэд жаІэ. Ауэ уэ ущІэупщІэнкІэрэ хъунущ: «Сыт уэрэд жызыІэхэм иризэуэну джати бжыи щІамыІыгъыр?» ИІэт къэтщІэнти.

ЛъэпкъитІ хъу израиль пащтыхьыгъуэм и тепщэщ Иосафат. Ар щыпсэур ищхъэрэ лъэпкъипщІ хъу пащтыхьыгъуэм и пащтыхь Ахаврэ абы и фыз Езавелрэ щыпсэу зэманым къриубыдэущ. Иосафати и адэ Асэ хуэдэу пащтыхьыфІщ. Абы щхьэкІэ илъэс куэдкІэ насыпыфІэу мэпсэу лъэпкъитІ хъу ипщэ пащтыхьыгъуэм щыпсэу цІыхухэр.

Ауэ мис цІыхухэр зыгъэпІейтей зы Іуэхугъуэ гуэр къохъу. Хъыбар егъащІэхэм Иосафат къыжраІэ: «Моав, Аммон щІыналъэмрэ, бгы Сеирымрэ къикІыу дзэшхуэ къыпхуокІуэ къозэуэну». Арати, израиль цІыху куэд Иерусалим къокІуэ Иеговэ къадэІэпыкъун щхьэкІэ елъэІуну. Псоми Алыхьым и унэшхуэмкІэ яунэтІри Иосафат абы тхьэ щолъэІу: «Уа, Иеговэу ди Тхьэ, тщІэныр тщІэкъым. Мо дзэшхуэм и пащхьэ дыщыІэмалыншэщ. УкъыддэІэпыкъуну дыныпщогугъ»,—жеІэри.

Иеговэ ахэр зэхехри и лэжьакІуэхэм щыщ зым цІыхухэм мыпхуэдэу яжрегъэІэ: «Ар фи зауэкъым, атІэ Алыхьым ейщ. Фэ фызэуэн хуей хъунукъым. Фэ феплъын хуей къудейуэ аращ Иеговэ фыкъызэрыригъэлым».

КъыкІэлъыкІуэ махуэм Иосафат цІыхубэр къыхуреджэ: «Иеговэ фыщыгугъ!» — жеІэри. ИтІанэ дзэм ипэ уэрэджыІакІуэхэр ирегъэувэри ахэр здэкІуэм Иеговэ щытхъу уэрэд хужаІэ. ПщІэрэ къэхъур ахэр щызэуэну щІыпІэм къыщысым деж? Иеговэ бийдзэр зэхегъэлъэдэжри зэрегъэзэуэжыр. Арати израилхэр щызэуэну щІыпІэм къыщыкІуэм ялъагъу — я бийхэр псори лІауэ щылъщ!

Иосафат Иеговэ зэрыщыгугъар губзыгъагъэтэкъэ–тІэ? Дэри Абы дыщыгугъыу щытмэ, губзыгъагъэу ар тщІэнущ.