Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

6-НЭ ІЫХЬЭР

Зэщхьэгъусэхэм сабий яІэ щыхъум деж я гъащІэм зэрызихъуэжыр

Зэщхьэгъусэхэм сабий яІэ щыхъум деж я гъащІэм зэрызихъуэжыр

«Бынхэр — Иеговэ и щІэинщ» (Псалом 127:3).

Зэщхьэгъусэ куэдым сабий яІэ щыхъум деж абы гуфІэгъуэшхуи къахуехь икІи егъэгузавэ. Абыхэм зэрамыгугъам хуэдэу я зэманми я къаруми и нэхъыбэр сабийм зэрытекІуадэм Іэнкун ещІ. ЖейкІэ зэрыримыкъум икІи зэи ямыІа гурыщІэхэм къыхэкІкІэ зэщхьэгъусэхэр зэпэжыжьэ хъункІэ хъунущ. Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фи гъащІэм зэрызихъуэжам фесэн хуейщ, сабийри зыхуей хуэвгъэзэн щхьэкІэ икІи фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр фхъумэн щхьэкІэ. ГугъуехьыщІэ къэунэхухэм фыпэлъэщыну Библием ит чэнджэщхэр дауэ къывдэІэпыкъуну?

1 ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ САБИЙ ЯІЭ ЩЫХЪУМ ДЕЖ Я ГЪАЩІЭМ ДАУЭ ЗЭРЫЗИХЪУЭЖЫР?

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ФІылъагъуныгъэм шыІэрэ гущІэгъурэ иІэщ». Абы нэмыщІ «фІылъагъуныгъэм... езым и щхьэм и фІагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым» (1 Коринф 13:4, 5). Анэ хъуар и сабийм фІэкІ зыми зэремыгупсысыр гъэщІэгъуэнкъым. Абы къыхэкІкІэ цІыхухъум къыщыхъункІэ хъунущ езым гулъытэ къыхуамыщІыжу. Ауэ цІыхубзым зыщигъэгъупщэн хуейкъым и щхьэгъусэри абы и гулъытэм зэрыхуэныкъуэр. ЦІыхубзым шыІэныгъэрэ гуапагърэ игъэлъагъуэмэ, цІыхухъум зыхищІэнущ ар лъапІэу абы зэрилъытэр икІи сабийр зыхуей хуэгъэзэным теухуауэ Іейуэ сэбэп зэрыхуэхъур.

«Фэ, лІыхэм, нывжызоІэ фи фызхэм фагурыІуэу фадэгъуэгурыкІуэ» (1 Петр 3:7). ЦІыхухъум къыгурыІуэн хуейщ дяпэкІэ анэм и къарур сабийр зыхуей хуэгъэзэным нэхъыбэу зэрытекІуэдэнур. Абы и къалэныщІэхэм ар Іейуэ ирагъэзэшынущ икІи депрессием ирагъэхуэфынущ. Иныкъуэхэм деж цІыхубзым и щхьэгъусэм гукъанэ хуищІынкІэ хъунущ, ауэ цІыхухъур къэгубжьын хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «цІыху тэмакъкІыхьыр къарууфІэм нэхърэ нэхъыфІщ» (Притчи 16:32). ЦІыхухъухэм зэхэщІыкІ зыхагъэлъын икІи я щхьэгъусэхэм ядэІэпыкъун хуейщ (Притчи 14:29, Гъэсэпэтхыдэхэр).

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Адэхэм: Уи щхьэгъусэм сабийр зыхуей хуигъэзэну дэІэпыкъу, ар жэщу щытми. Уи унагъуэм зэман нэхъыбэкІэ уригъусэн щхьэкІэ, нэгъуэщІ Іуэхухэм зэман нэхъ мащІэ тегъэкІуадэ

  • Анэхэм: Уи щхьэгъусэр сабийм теухуауэ къыбдэІэпыкъуну хуеймэ, зыдэгъэІэпыкъу. Уэ узэрыхуейм хуэдэу зыгуэр имыщІэу щытмэ, узэрымыарэзыр къомыгъэлъагъуэу, щабэу ар зэрищІын хуейр егъэлъагъу

2 НЭХЪ ГЪУНЭГЪУ ФЫЗЭРЫЗЭХУЭХЪУНУМ И УЖЬ ФИТ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ТІури зыпкъ хъунущ» (ЩІэдзапІэ 2:24). Сабий фиІэ хъуа нэужьи уи щхьэгъусэмрэ уэрэ «зыпкъыу» фыкъызэрынэжыр зыщывмыгъэгъупщэ. Фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ фщІын щхьэкІэ къарууэ фиІэр ефхьэлІэ.

ЦІыхубзхэ, фи щхьэгъусэхэр къызэрывдэІэпыкъум щхьэкІэ фІыщІэ яхуэфщІ. Фи фІыщІэ псалъэхэм цІыхухъухэм я гур хагъэхъуэнущ (Притчи 12:18, Гъэс.). ЦІыхухъухэ, фи щхьэгъусэхэм яжефІэ ахэр фІыуэ зэрыфлъагъур икІи лъапІэу зэрыфлъытэр. Абыхэм унагъуэр зыхуей зэрыхуагъазэм щхьэкІэ фащытхъу (Притчи 31:10, 28, Гъэс.).

«Езым и фІагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атІэ нэгъуэщІ цІыхухэм я фІагъ зыхэлъым и ужь ирырет» (1 Коринф 10:24). Уи щхьэгъусэм ифІ къызэрыплъыхъуэным сыт щыгъуи хущІэкъу. Зыри зэран къыфхуэмыхъуу фыщызэпсэлъэфын зэман къыдэвгъэкІ. Зыр зым фыщытхъу икІи фыщызэпсалъэкІэ зыр зым федаІуэ. ПІэщхьагъ Іуэхум теухуауэ, щхьэж езым и щхьэм и закъуэкъым зэгупсысын хуейр, атІэ и щхьэгъусэр зыхуейми егупсысын хуейщ. Библием щыжыІащ: «ТІури фызэгурыІуэу... фІэкІа пэІэщІэ зызэхуэвмыщІ» (1 Коринф 7:3—5). Абы къыхэкІкІэ а Іуэхум теухуауэ фымыукІытэу фызэпсалъэ. Фэ зышыІэныгъэрэ зэхэщІыкІрэ вгъэлъагъуэмэ, фи зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъунущ.

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Зыри зэран къыфхуэмыхъуу, фэ тІур фызэгъусэн щхьэкІэ, зэман къызэрыдэгъэкІын хуейр фигу ивгъэлъ

  • Зыщывмыгъэгъупщэ зыр зым и гуапэ зэрыфщІын хуейр. Псалъэм папщІэ, уи щхьэгъусэм СМС хуэптхмэ е тыгъэ гуэр хуэпщІмэ, абы игу къигъэкІыжынущ ар уэ фІыуэ зэрыплъагъур

3 ФИ САБИЙХЭР ВГЪАСЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «Уи сабиигъуэм къыщыщІэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапІэхэм хэтыр зэбгъэщІащ. ...УмыкІуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэІуэн ялъокІ» (2 Тимофей 3:15). Фи сабийр зэрывгъэсэну щІыкІэм фегупсыс. Сабийм къамылъху щІыкІи зыхурагъасэр зыхилъхьэну зэфІэкІ зэриІэр гъэщІэгъуэнщ. Ар иджыри ныбэм илъу, анэми адэми я макъыр къицІыхуу икІи я гурыщІэхэр зэхищІыкІыу йосэ. Фи сабийр иджыри цІыкІу щІыкІэ тхылъ фыкъыхуеджэн щІэвдзэ. Абы фыкъызэджэр къыгурымыІуэу щытми, ар къыдэкІуэтея нэужь еджэныр ифІэфІу щытынущ.

Сабийр иджыри цІыкІуу Алыхьым теухуауэ жепІэ хъунущ. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэвгъазэкІэ абы зэхихыу фелъэІу (Второзаконие 11:19). Сабийм фыщыдэджэгум дежи Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм фыхутепсэлъыхь (Псалом 78:3, 4). Фи сабийр къыдэкІуэтейурэ, Иеговэ фІыуэ зэрыфлъагъур илъэгъунущ икІи езыми Иеговэ фІыуэ илъагъуу щІидзэнущ.

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Сабийр вгъэсэн щхьэкІэ Алыхьым Іущагъ къывитыну фелъэІу

  • Фи сабийм зригъэщІэну фызыхуейр къытевгъэзэжурэ жефІэмэ, абы пасэ дыдэу жефІэр зыхилъхьэнущ